Псыхуабэ щекIуэкIащ IутIыж флористикэмкIэ курсхэр

03.04.2021
Просмотры: 2920

Члисэ флористикэмкIэ курсхэр, Псыхуабэ епархием щекIуэкIар Хъуромэ нэщIым ирихьэлIэу, къызэгъэпэщакIуэ Абрамовэ Анастасие зэрыжиIэмкIэ екIуэлIапIэхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ. Иджы «удз гъэгъа унагъуэм» хохъуэ: нэщI ИнымкIэ, Псыхуабэ епархием и ЩIалэгъуалэ центрым щызэхуэсащ зи щIэныгъэм хэзыгъэхъуэну е члисэ флористикэм зыхэзыгъэгъуэзэну гукъыдэж зиIэ гупыр.

ЕтIуанэ курсхэр епархие зэхуаку хъуащ: тхьэмахуэм къриубыдэу члисэ флористикэм и щIэдзапIэхэр Краснодар университетым профессиональнэ егъэджэныгъэмкIэ и егъэджакIуэ Олипир Наталье хъыджэбз цIыкIу 13 игъэсащ, Кавказ Ищхъэрэм и къалэхэмрэ районхэмрэ щыщхэр, епархие гъунэгъухэм щыщхэри хыхьэу. «IутIыж флористикэ» темэм хагъэхьащ тхьэнапэхэр, щихъхэм я къарухэр щызэхуэхьэса ковчегхэр гъэдэхэныр, IутIыж джэдыкIэхэр удз гъэгъахэм къыхэщIыкIыныр.

Курсхэр къэзыухахэм иратащ профессиональнэ егъэджэныгъэмкIэ университетым я щIэныгъэм зэрыщыхагъэхъуам щыхьэт техъуэ тхылъыр икIи ар къызэрагъэсэбэпынур, Христос лIахэм къащыхэтэджыкIыжа махуэшхуэм члисэхэр щыхуагъэхьэзыркIэ.

2920
Фотогалерея