Архиепископ Феофилакт епархием и цIыхубз къулъшырыфхэм литургиехэр щригъэкIуэкIащ

22.03.2021
Просмотры: 2395

2021 гъэм гъатхэпэм и 20-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Дубровкэ бгым тет Георгиевскэ цIыхубз къулъшырыфым и Георгиевскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ къулъшырыфым и щоджэнхэмрэ къардэн Копач Пётррэ. ТхьэлъэIу уэрэдхэм языныкъуэхэр ягъэзэщIащ «София» екIуэлIапIэ-пансионатым и гъэсэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къулъшырыфым щыпсэухэр, игумение Варварэ (Шурыгинэ), щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр. ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

2021 гъэм гъатхэпэм и 21-м архиепископ Феофилакт щоджэн Кокарев Сергийрэ къардэн Копач Петррэ я гъусэу тхьэлъэIу лиутргие щригъэкIуэкIащ Свято-Троицкэ Серафимовскэ цIыхубз къулъшырыфым и Троицкэ члисэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къулъшырыфым и шыпхъухэм монахиня Тамарэ (Ушаковэ), щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр я пашэу. Литургие нэужьым Пастыр нэхъыщхьэм къулыкъур иригъэкIуэкIащ къулъшырыфым и япэ унафэщIу щыта игумение Антонинэ (Бобылевэ) щыщIалъхьа щIыпIэм деж.

2395
Фотогалерея