Псыхуабэ епархиер илъэсипщI ирикъуащ

23.03.2021
Просмотры: 3681

Япэу Псыхуабэ кафедрэр 1910 гъэм викариатствэу къэунэхуащ. 1927 гъэм мэкъуауэгъуэм и 27-м ар и щхьэ хущытыжу къэунэхуащ. XX лIэщIыгъуэм епархиер зезыгъакIуэу щыта архиереитхур хъуащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча.

Псыхуабэ епархиер къагъэщIэрэщIэжащ 2011 гъэм Синод ЛъапIэм и унафэкIэ. Епархием хагъэхьащ Ставрополь крайм и Минераловодскэ, Предгорнэ, Кировскэ

районхэр; ЕссэнтIыгу, Железноводск, Кисловодск, Псыхуабэ къалэ-зыгъэпсэхупIэхэр; Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я республикэхэр. КъагъэщIэрэщIэжа епархием и щоджэн нэхъыщхьэ хъуащ Феофилакт (Курьянов). Илъэси 10-м къриубыдэу епархием къыщызэIуахащ «Анэхэм папщIэ унэ», «Приют Иова Многострадального» кризис центрхэр, сабий ныкъуэдыкъуэхэм я «ДыгъафIэ къалэ» центрыр, «Отрада», «София» сабий екIуэлIапIэхэр, иппотерапиемкIэ центритI, афияным дихьэхахэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Остров», «Возрождение» центрхэр, «Зелёный Афон», «Маруха» щIалэгъуалэ зэхыхьэхэр.

ИлъэсипщIым къриубыдэу члисэ 61-рэ, члисэ цIыкIуу 8 ягъэнэхуащ, члисэ 27-м я ухуэныгъэр ирагъэжьащ, зэгухьэныгъэу 31-рэ къызэрагъэпэщащ. Къулыкъу зыщIэ щоджэн 34-рэ къахэхъуащ. Иджыпсту епархием и щоджэнхэм духовнэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэт. Илъэси 10-м и кIуэцIкIэ щоджэн унагъуэхэм сабии 140-рэ къахэхъуащ. Къэхъугъэ гуапэ хъуащ Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл Псыхуабэ епархием тIо зэрыкIуар. Абы игъэнэхуащ Псыхуабэ, Налшык къалэхэм я члисэ зэхуэхьэсахэр. «Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым зэгуэрым зэгуэр и нэфI щыхуауэ аракъым. Ди гъащIэм и дэтхэнэ зы махуэми а щIыналъэм фIыщIэ худощI ди лэжьыгъэмкIэ, мыбы щызэфIэтхымкIэ, зыпытщэ хабзэхэмкIэ. Зи гъусэу ди унэм Iуэху щызыдэтщIэ, Тхьэ дызделъэIу дэтхэнэ зыми фIыщIэ худощI. Нэхъыщхьэр илъэсипщIми къриубыдэу дызэрызэкъуэтырщ!», - щыжиIащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт юбилейм теухуа и хъуэхъум.

3681
Фотогалерея