ЕкIуэлIапIэм и зэхуэсым фIыщIэ хуищIащ унафэщIым

19.03.2021
Просмотры: 1903

2021 гъэм гъатхэпэм и 17-м, нэщI Иным и япэ тхьэмахуэм и бэрэжьейм Литургиер иригъэкIуэкIащ Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений, Исправнэ станицэм и Михаилоархангельскэ члисэм и унафэщI, КъШР-м и щоджэн Якушев Александр и гъусэу. ТхьэлъэIу нэужьым члисэм и шхапIэм екIуэлIапIэм и зэхуэс щекIуэкIащ 2020 гъэм кърикIуахэм теухуауэ.

Члисэм и унафэщIым къыхигъэщащ блэкIа илъэсым члисэм газ къызэрырашэлIар. ЕкIуэлIапIэм кIуэхэм ядэIэпыкъуащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт. ЕкIуэлIапIэм кIуэхэмрэ унафэщIымрэ а къэхъугъэм илъэс куэдкIэ пэплъащ. Iуэху зэIумыбзыр псоми я къарукIэ зэфIагъэкIащ. Иджы члисэр хуабэщ, абы екIуалIэхэр щыгъын хуабэхэр ящымыгъыу Тхьэм йолъэIу. ЗэIущIэм хэтхэр зэгъусэу арэзы техъуащ ЕкIуэлIапIэм и советым и лэжьыгъэр къызэрехъулам икIи унафэщIым фIыщIэ хуащIащ члисэм газ зэрырашэлIам папщIэ.

1903
Фотогалерея