Архиепископ Феофилакт иригъэкIуэкIащ Щыхуагъэгъу тхьэмахуэм и тхьэлъэIур

15.03.2021
Просмотры: 2462

2021 гъэм гъатхэпэм и I4-м, гъэшхэкI щамышх тхьэмахуэм (Щыхуагъэгъу тхьэмахуэ) Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Псыхуабэ щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ.

А махуэ дыдэм архиепископ Феофилакт, КИФЩI-м и къалащхьэм и члисэхэм я унафэщIхэм и гъусэу, Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам и пщыхьэщхьэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ. Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ, тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ икIи нэщI Иным и пэ къихуэу гуэныхьхэр къыхуагъэгъуну захуигъэзащ.

2462
Фотогалерея