Псыхуабэ нэгузыужь зекIуэхэр щекIуэкIащ

14.03.2021
Просмотры: 1478

2021 гъэм гъатхэпэм и 13-м Псыхуабэ къалэм цIыхубэ нэгузыужь зекIуэхэр щекIуэкIащ, Горячеводскэ къэзакъ зэгухьэныгъэм атаман Савченкэ Владимир и пашэу къызэригъэпэщар. Махуэшхуэм зыкърагъэхьэлIащ къалэм и Iэтащхьэ Ворошилов Дмитрий, Псыхуабэ къалэ-зыгъэпсэхупIэм и думэм и депутатхэр, къэзакъхэм я унагъуэхэмрэ хьэщIэхэмрэ.

Зэхыхьэм и программэм хагъэхьащ я къарумрэ зэфIэкIымрэ къыщапщытэ, шыкIэ къыщажыхь, цIыхубэ уэрэдхэмрэ къафэхэмрэ щагъэзащIэ, концерт кIэщI щат, «Медведь» дзэ-спорт клубым утыку зыкъыщигъэлъагъуэ Iуэхухэр.

Махуэшхуэм хэтащ Псыхуабэ епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан. Щоджэным къызэгъэпэщакIуэхэмрэ хьэщIэхэмрэ яритыжащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкI хъуэхъур, нэщI Иныр псынщIэ ящыхъунымкIэ Тхьэр къадэIэпыкъуну захуигъэзащ, станицэдэсхэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ.

1478
Фотогалерея