Патриаршэм къыбгъэдэкI фIыщIэкIэ зыхуагъэзащ федеральнэ щIэныгъэ центрым и унафэщIым

10.03.2021
Просмотры: 2583

2021 гъэм гъатхэпэм и 9-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Псыхуабэ епархием и унэм щригъэблэгъащ Урысей ФМБА-м Кавказ Ищхъэрэм щиIэ федеральнэ щIэныгъэ-клиникэ центрым и генеральнэ унафэщI Гукас Тер-Акопов.

Архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ Гукас «Патриаршая благодарность» медалыр тыгъэ хуащIащ. Федеральнэ щIэныгъэ центрыр Псыхуабэ епархием долажьэ щоджэнхэмрэ къызэрыгуэкI цIыхухэмрэ я узыншагъэм зрагъэужьын папщIэ, пандемием и зэманым центрым и лабораторием пащащ коронавирус узыфэм и антитела зиIэхэр зэхагъэкIыныр къапщытэным и IуэхукIэ.

Щихънагъыр гуапэу епсэлъащ центрым и генеральнэ унафэщIым икIи дохутырхэмрэ медсестрахэмрэ фIыщIэ яхуищIащ. ИужькIэ Гукас Тер-Акопов дамыгъэ лъапIэр тыгъэ хуищIащ.

Гукас фIыщIэ хуищIащ Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл дохутырхэр эпидемием и зэман гугъум ирихьэлIэу гулъытэрэ дэIэпыкъуныгъэрэ къазэрыхуищIам папщIэ.

2583
Фотогалерея