Архиепископ Феофилакт игъэлъэпIащ еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ

09.03.2021
Просмотры: 2402

2021 гъэм гъатхэпэм и 7-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Псыхуабэ щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм итхэм къеджа нэужь, Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

ТхьэлъэIу нэужьым архиепископ Феофилакт игъэлъэпIащ сабий творчествэмкIэ «Красота Божьего мира» дунейпсо зэпеуэм епархием щиIэ Iыхьэмрэ «Наследие святого благоверного князя Александра Невского» темэмкIэ къызэрагъэпэща сабий рассказхэмкIэ урысейпсо зэпеуэмрэ щытекIуахэмрэ лауреатхэмрэ, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщахьрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ, - «Учитель и ученик». КъищынэмыщIауэ, архиепископ Феофилакт и саугъэтыр къэхьынымкIэ «Лучший учитель Основ православной культуры» зэпеуэм пашэ щыхъуахэр.

Сабий зэхьэзэхуэхэм хэтащ еджакIуэ 200. ЕгъэджакIуэхэм я зэпеуэм и етIуанэ Iхыьэм лэжьыгъэ 15 пхыкIащ. ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ я списокымрэ ди сайтым фыщеплъыфынущ.

2402
Фотогалерея