Архиепископ Феофилакт иригъэкIуэкIащ адэ-анэхэм я щэбэт тхьэлъэIур

07.03.2021
Просмотры: 1960

2021 гъэм гъатхэпэм и 6-м, адэ-анэхэм я щэбэт тхьэлъэIум, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиемрэ хьэдэщIэлъхьэмрэ щригъэкIуэкIащ Ленинскэ къуажэм и Михайловскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Минераловодскэ члисэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексийрэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ я пашэу. Щоджэн нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къуажэдэсхэмрэ гъунэгъу къалэхэм щыщу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэмрэ. Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи хьэдэщIэлъхьэ къулыкъур иригъэкIуэкIащ. ИужькIэ архиепископ Феофилакт «Патриаршая благодарность» медалыр иритащ дохутыр Попов Феохарий. Минераловодскэ къалэ сымаджэщым и унафэщIу щыткIэрэ, Феохарий зэпымыууэ и къулыкъум щыIащ темыплъэкъукIыу икIи цIыхухэр игъэхъужащ.

1960
Фотогалерея