Архиепископ Феофилакт Тхьэмахуэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ

22.02.2021
Просмотры: 2815

2021 гъэм мазаем и 20-м и пщыхьэщхьэм Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам щригъэкIуэкIащ тхьэмахуэ тхьэлъэIур. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Щихънагъыр Шестопсалмиемрэ Инджылымрэ къеджащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм гъэнэхуа дагъэм щыщ ящихуащ.

2021 гъэм мазаем и 21-м, мытарырэ фарисрэ я Тхьэмахуэм, архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Лазаревскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэм и щоджэнхэм Псыхуабэ епархием и Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илиярэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэр, зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэр. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къеджа нэужь, Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

2815
Фотогалерея