Илъэс зыбжанэ хъуауэ Псыхуабэ епархием и щIалэгъуалэр Сретенскэ зэхуэсым щызэIуощIэ, зэпсэлъэн, щIэ гуэрхэр къащIэн, пщэдейм гукъыдэж яIэн папщIэ. 2021 гъэм зэхуэсыр нэхъри ирагъэфIэкIуащ. Апостол Иаков и «Вера без дел мертва есть» псалъэхэр блэкIа зэхуэсым и къыхуеджэныгъэ хъуащ.
Сретения махуэшхуэм и пэ къихуэу Кавказым и Минводы и щIалэгъуалэр унагъуэ 50-м щыIащ, щытыкIэ гугъу ихуахэу. Ахэр сабийхэмрэ балигъхэмрэ ехъуэхъуащ махуэшхуэмкIэ икIи «Анэхэм папщIэ унэ» кризис центрым къыбгъэдэкI дэIэпыкъуныгъэр къыхуащIащ. Ерыскъыпхъэхэмрэ сабий шхыныгъуэхэмрэ Псыхуабэ епархием къыхуагъэшащ КъШР-м къэралкIуэцI IуэхухэмкIэ и министр полковник Мельниченкэ Александр и жэрдэмкIэ, «Гуапагъэм и сыхьэт» Iуэхум хыхьэу.