Налшык округым и щоджэнхэм ягу къагъэкIыжащ дунейм ехыжа щоджэныр

11.02.2021
Просмотры: 2862

Щоджэн нэхъыжь Кубэ Иоанн дунейм зэрехыжрэ илъэсиплI щрикъум ирихьэлIэу Налшык округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентинрэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ Прохладнэ къалэм и Никольскэ члисэм щызэхуэсащ. Илъэс 42-м щыщу Иоанн илъэс 34-рэ Никольскэ члисэм щоджэн къулыкъум щыпэрытащ. Щоджэнхэм я гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэр. ТхьэлъэIу литургие нэужьым щоджэнхэм тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ щоджэныр дунейм щехыжа щIыпIэм деж.

2862
Фотогалерея