Дерс зэIухар траухуащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэм я фэеплъым

08.02.2021
Просмотры: 1711

Урыс Члисэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэмрэ гуэныхьхэр зрагъэIуэтэжахэмрэ я фэеплъ махуэм Кисловодск къалэм и чристэн гимназием дерс зэIухахэр щекIуэкIащ XX лIэщIыгъуэм Христос и фIэщхъуныгъэм и зэран зэкIа щихъхэм зэрахьа лIыгъэм теухуауэ. Дерсхэр иригъэкIуэкIащ епархием щихъхэр канон щIынымкIэ и комиссэм хэт, Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ къулъшырыфым и къардэн нэхъыжь Иоанн (Галумов). Щоджэнхэмрэ мамыр цIыхухэмрэ террорым и япэ илъэсхэм зэрахьа лIыгъэм теухуа фильм нэужьым гъэсэнхэм зыхагъэгъуэзащ Урыс Члисэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэмрэ гуэныхьхэр зрагъэIуэтэжа фIэщхъуныгъэ зиIэхэмрэ я гъащIэм, Псыхуабэ епархием и екIуэлIапIэхэм къулыкъу щызыщIахэм. Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и клирик, Кисловодск и гимназием и егъэджакIуэ Гливенкэ Димитрий и фэеплъыр гимназием и гъэсэнхэм хуэсакъыу яхъумэ. Иоанн еджакIуэхэр къыхуриджащ щIэблэм я зэпыщIэныгъэр зэпамыгъэуну.

1711
Фотогалерея