Архиепископ Феофилакт игу къигъэкIыжащ Урыс Члисэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча и цIыхухэр

07.02.2021
Просмотры: 2920

2021 гъэм мазаем и 7-м, Урыс Члисэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, гуэныхьхэр зрагъэIуэтэжа и щихъхэм я зэгъусэ члисэ зэхуэхьэсам и махуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэм щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къеджа нэужь, Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Литургие нэужьым архиепископ Феофилакт Христос и фIэщхъуныгъэм зи зэран екIахэм Тхьэ яхуелъэIуащ.

2920
Фотогалерея