Псыхуабэ епархием и кризис центрым хуашащ сабий шхыныгъуэ тоннхэр, «Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэр къызэзыгъэпэща – Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт «Себи», «Территория милосердия 09», «Моя Карачаево-Черкесия», «Самира» псапащIэ фондхэм и нэIэ зэрытригъэтым папщIэ.
Iуэхур щыщ Iыхьэ хъуащ КъШР-м и МВД-м и Жылагъуэ советым унагъуэхэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэр яхуэщIэным теухуа и лэжьыгъэм, щытыкIэ гугъу ихуахэм ехьэлIауэ. МахуиплIым къриубыдэу гъэшхэкIхэр хуашащ мазихым щыщIэдзауэ илъэси 5 нэс зи ныбжь сабий 300-м.