Волонтёрхэм пащэ сабийхэм дэIэпыкъуным

26.01.2021
Просмотры: 1982

Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и волонтёрхэм пащащ бынунагъуэшхуэхэмрэ щытыкIэ гугъу ихуа унагъуэхэмрэ дэIэпыкъуным. МВД-м и Жылагъуэ советым КъШР-м щиIэ къудамэм и «Гуапагъэм и зэман» псапэ Iуэхум хыхьэу сабий 71-м дэIэпыкъуащ. Ахэр Черкесскрэ Дружба къуажэмрэ я чристэн унагъуэхэм ящыщщ. Гукъыдэж зиIэхэм я гъусэу дэIэпыкъуныгъэ ищIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Гурин Алескандри. Сабийхэмрэ я адэ-анэхэмрэ псапащIэхэмрэ волонтёрхэмрэ фIыщIэ хуащIащ.

1982
Фотогалерея