Къэзакъхэр Юцэрэ Подкумокрэ щызэхэлъэдэжым деж псым зыщагъэпскIащ

21.01.2021
Просмотры: 2569

2021 гъэм щIышылэм и 18-м, Псыхуабэ къалэм Тхьэм и Анэм и Успения къэзакъ члисэм и щоджэнхэм Юцэ, Подкумок псыежэххэр ягъэнэхуащ. Псыежэххэр щызэхэлъэдэж Къэзакъ слободам и Iэгъуэблагъуэм хабзэ хъуауэ тхьэлъэIур щрагъэкIуэкI. Гъэ къэс тхьэлъэIум станицэдэсхэр щызэхуос, пщыхьэщхьэ тхьэлъэIу нэужьым я благъэхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ я гъусэу члисэм макIуэри.

Члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан псы гъэнэхун къулыкъу нэужьым Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкI хъуэхъумрэ арэзыныгъэмрэ ялъигъэIэсащ икIи псоми къару яIэну захуигъэзащ.

ИужькIэ къэзакъхэмрэ къалэдэсхэмрэ псым хыхьэри тхьэлъэIум хэтащ.

2569
Фотогалерея