Черкесск Тхьэ щелъэIуащ къалэр щхьэхуит къэзыщIыжахэм папщIэ

18.01.2021
Просмотры: 2130

2021 гъэм щIышылэм и 17-м Черкесск къалэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм щхьэхуит къызэрыщащIыжрэ илъэс 78-рэ щрикъум ирихьэлIэу Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм папщIэ къызэрагъэпэщащ лIыхъужьыгъэм и дерс. Щоджэн Гурин Александр сабийхэм яхутепсэлъыхьащ 1942 гъэм Кавказым къыщыхъуа зауэхэм. Александр къытеувыIащ Черкесск къыщызэрагъэпэща партизан гупхэм, а махуэм хэкIуэда лIыхъужьхэм. КъищынэмыщIауэ, сабийхэр еплъащ «Черкесск» телеканалым и теплъэгъуэм, къалэр щхьэхуит къызэращIыжам теухуам. ИужькIэ ТекIуэныгъэм и Паркым пэгъунэгъу къуэшыкхъэм еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ щоджэным и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэр щхьэхуит къэзыщIыжа зауэлIхэм папщIэ икIи абыхэм я фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.

2130
Фотогалерея