Благочиннэр щыIащ район сымаджэщым и роддомым

10.01.2021
Просмотры: 1881

Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений щыIащ Зеленчукскэ район сымаджэщым и роддомым. Хъуромэ жэщым Зеленчукскэ районым сабииплI дунейм къыщытехьащ.

Благочиннэр анэхэм ехъуэхъуащ, саугъэтхэмрэ удз гъэгъахэмрэ яритащ, узыншагъэ яIэну, Тхьэр къадэIэпыкъуну захуигъэзащ Къэрэшей-Шэрджэсым Хъуромэ жэщым дунейм къытехьа и щIэблэм.

Щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений сымаджэщым и лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ зэман мытыншым я IэнатIэм псэху ямыIэу зэрыпэрытым папщIэ.

1881
Фотогалерея