2021 гъэм щIышылэм и 4-м, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Анастасие и фэеплъ махуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ къалэм и СИЗО №2-м.
ТхьэлъэIу литургием Щоджэн нэхъщхьэр драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ пенитенциарнэ IуэхущIапIэхэмрэ ядэлэжьэнымкIэ къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сорокин Константин. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ ягъэтIысахэр. Апхуэдэу тхьэлъэIум хэтащ тутнакъым и унафэщIымрэ и лэжьакIуэхэмрэ.
Архиепископ Феофилакт тхьэлъэIум хэтхэм фIэхъус ярихащ. «Мы махуэхэм уафэм дыдоплъаей, Тхьэм дыIущIэн папщIэ, цIыхум и къегъэлакIуэ хъуам. Тхьэр дунейм къытехьэри, гуэныхьхэр Iуэтэжыныр къытхузэIуихащ, ди гъащIэм и гуэныхьхэр зэтхъуэкIыжыным дыхуигъэушащ. Тхьэр псоми къывдэIэпыкъуну сынывохъуэхъу», - жиIащ Щихънагъым узэщIыныгъэм хыхьэу. ИужькIэ Пастыр нэхъыщхьэм хъуромэ саугъэтхэр игуэшащ, тезыр зытралъхьахэм епсэлъащ.
А махуэ дыдэм Щихънагъыр IущIащ тутнакъым и унафэщIымрэ и лэжьакIуэхэмрэ, пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ, къэблагъэ Христос и Хъуромэри хыхьэу, я къулыкъур ирахьэкIынымкIэ Тхьэр къадэIэпыкъуну, узыншагъэ, мамырыгъэ, ехъулIэныгъэ яIэну ехъуэхъуащ.