Волонтёрхэмрэ къэзакъхэмрэ сабийхэм саугъэтхэр иратащ

28.12.2020
Просмотры: 2677

2020 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Гурин Александр члисэ зэхуэхьэсам и волонтёрхэмрэ къэзакъхэмрэ я гъусэу саугъэтхэр иратащ хуэмыщIа унагъуэхэм. Черкесск щыщ сабий 87-м, Къэрэшей-Шэрджэс республикэм и Эркен-Шахар къуажэхэм а махуэм Iэ фIыкIэхэр, щихъ Николай и теплъэр хуашащ. Александр сабийхэм ягу къигъэкIыжащ щихъ Николай сабийхэм саугъэтхэр хуэщIыным зэрепхар. Атаман Зинченкэ Александр сабийхэм узыншагъэ, ехъулIэныгъэ яIэну, адэ-анэм едэIуэну захуигъэзащ. Саугъэтхэр къызэращэхуну ахъшэр волонтёрхэмрэ къэзакъхэмрэ зэхуахьэсащ.

2677
Фотогалерея