Орджоникидзевскэ къуажэм екIуэлIапIэ центр щаухуэнущ

18.12.2020
Просмотры: 2306

2020 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щригъэкIуэкIащ КъШР-м и Орджоникидзевскэ къуажэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Варварэ и цIэр зезыхьэ и члисэм. ТхьэлъэIу литургием щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур щыдрагъэкIуэкIащ Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений, члисэм и унафэщI щоджэн Фоменкэ Сергий, къардэн Копач Пётр. Литургие нэужьым Щихънагъым члисэм и хъумакIуэр игъэлъэпIащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. ИужькIэ архиепископ Феофилакт IущIащ Орджоникидзевскэ къуажэм и Карачаевскэ къалэ округым и Iэтащхьэ Дотдаев Альберт. Пастыр нэхъыщхьэм Альберт жриIащ ухуэныгъэжьым и пIэм екIуэлIапIэ центр щиухуэну зэримурадыр, библиотекэ, псапэ шхапIэ, тхьэмахуэ школым и классхэр щIыгъуу. Округым и Iэтащхьэм жиIащ щоджэн нэхъыщхьэм и жэрдэмыр зэрыдиIыгъынур. Щихънагъым зэгухьэныгъэм иритащ ухуэныгъэр зэрырагъэжьэну ахъшэ.

2306
Фотогалерея