Архиепископ Феофилакт апостол Первозванный Андрей игъэлъэпIащ

14.12.2020
Просмотры: 2116

2020 гъэм дыгъэгъазэм и 13-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ каедральнэ члисэ зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Псыхуабэ щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къеджа нэужь, Щихънагъым фIэщхъунгъэ зиIэхэм узэщIынгъэкIэ захуигъэзащ, литургие нэужьым апостол Первозванный Андрей игъэлъэпIащ.

2116
Фотогалерея