Архиепископ Феофилакт литургие щригъэкIуэкIащ Железноводск и Покров члисэм

06.12.2020
Просмотры: 2381

2020 гъэм дыгъэгъазэм и 5-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Железноводск къалэм и Покров члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэм и щоджэнхэм щоджэн нэхъыжь унафэщI Бондарчук Андрейрэ къардэн Копач Пётррэ я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэм дэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ, махуэшхуэр игъэлъэпIащ, екIуэлIапIэм кIуэхэм епсэлъащ.

2381
Фотогалерея