Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам къыщызэ1уахащ «Фома» журналым и сурэт гъэлъэгъуэныгъэ

23.11.2020
Просмотры: 3151

2020 гъэм щэк1уэгъуэм и 22-м Псыхуабэ, Черкесск щ1ыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэ1у литургиер щригъэк1уэк1ащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и Иверскэ къудамэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэк1уэк1ащ члисэ зэхуэхьэсам и унафэщ1 щоджэн Мовчанов Димитрийрэ къардэн Копач Пётррэ. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэ1уащ къалэдэсхэр.

А махуэ дыдэм, Феофилакт и арэзыныгъэк1э, унафэщ1ым Псыхуабэ епархием и Щ1алэгъуалэ центрым къыщызэ1уихащ «Фома» журналым и гъэлъэгъуэныгъэ. Проектым и ц1эр «Ф1эщхъуныгъэ зи1эхэщ». Абы хагъэхьащ иджырей чристэнхэм я сурэтхэмрэ тхыдэмрэ. Языныкъуэхэр журналым и л1ыхъужь хъуащ, адрейхэм тхыгъэхэр траухуащ. Нэхъыщхьэу ахэр зэкъуэзыгъэувэр – иджырейхэрщ, абы ехьэл1а тхыдэхэр зыщ зытеухуар – ф1эщхъуныгъэ уи1эныр – упсэунырщ. Выставкэр траухуащ журналым и 200 къыдэк1ыгъуэм. Гъэлъэгъуэныгъэм дыгъэгъазэм и к1эхэм фыщеплъ хъунущ Псыхуабэ и Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам.

3151
Фотогалерея