Архиепископ Феофилакт игъэнэхуащ юбилей зэхыхьэхэр

22.11.2020
Просмотры: 2552

2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 21-м КъШР-м и Усть-Джегуты къалэм и Михайловскэ члисэм и зэгухьэныгъэм игъэлъэпIащ члисэр зэрагъэнэхурэ илъэси 135-рэ зэрырикъур. Юбилей зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт.

ТхьэлъэIу литургием хыхьэу щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и щоджэн нэхъыжь Нартов Александр, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Петров Александр, къардэн Копач Пётр. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэр, къэзакъхэр, щIыналъэ лъапIэм икIыу Тхьэ елъэIуну кIуахэр.

Литургие нэужьым Щихънагъым иригъэкIуэкIащ зэгъусэ тхьэлъэIур, члисэр къэзыхъумэм Тхьэ хуелъэIуащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

2552
Фотогалерея