Архиепископ Феофилакт литургие щригъэкIуэкIащ Минводы и Никольскэ члисэм

16.11.2020
Просмотры: 2228

2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 15-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Минводы къалэм и Никольскэ члисэм.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Минераловодскэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексий, члисэм и унафэщI щоджэн Чемодуров Кирилл, иподиакон Копач Пётр сымэ. Щоджэн нэхъыщхьэм и гъусэу тхьэлъэIум хэтащ къалэдэсхэр.

ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къеджа нэужь Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Литургие нэужьым щоджэнхэм тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ гъуэгу-транспорт къэхъугъэхэм хэкIуэдахэм папщIэ.

2228
Фотогалерея