Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и волонтёрхэм пащащ сабий шхыныгъуэхэр «Гуапагъэм и сыхьэт» Iуэхум хыхьэу гуэшыным. МВД-м и Жылагъуэ советым КъШР-м щиIэ зэгухьэныгъэр и дэIэпыкъуэгъуу, Черкесск и унагъуэ 20-м дэIэпыкъуащ. Республикэм Iуэхур 16-нэу щокIуэкI. Гуапагъэ зыщIэхэм защIигъэкъуащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Гурин Александр.