Псыхуабэ щихъ Игнатий и сквер къыщыунэхунущ

04.11.2020
Просмотры: 2104

Апхуэдэ унафэ къыхилъхьащ къалэ Думэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Псыхуабэ и Iэтащхьэ Ворошилов Дмитрийрэ депутатхэмрэ захуигъэза нэужь. Щихъ Игнатий и цIэр зезыхьэ скверыр Гагариным и бульварымрэ Академик Павловым и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ хуэзэу щаухуэнущ, Псыхуабэ и зыгъэпсэхупIэ щIыпIэм.

***

Щихъ Игнатий (Брянчанинов) 1858 гъэм япэу Провал гуэлым деж щигъэнэхуащ, псыхэр гъэнэхун къулыкъум пищэу, 2011 гъэм ирагъэжьэжа хабзэм, Псыхуабэ епархиер зэрагъэпэщыжа нэужь. Епископ Игнатий игъэнэхуащ Кавказым и Минводы и псынэпсхэр. Щихънагъми къару ирихьэлIащ щIыналъэм исхэм я псэкупсэр игъэнэхуным, къалэм и члисэ, щэнхабзэ гъащIэм хэлъхьэныгъэ хуищIащ.

2104
Фотогалерея