2020 гъэм жэпуэгъуэм и 26-м, Тхьэм и Анэм и Иверскэ тхьэнапэм и махуэшхуэм Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр иригъэкIуэкIащ, Тхьэм и Анэм и Иверскэ образыр щахъумэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Пресвитор къулыкъур иригъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Псыхуабэ щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. Литургие нэужьым щихънагъым зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ, Тхьэм и Анэр игъэлъэпIащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.
***
Тхьэм и Анэм и Иверскэ тхьэнапэр Псыхуабэ и Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам папщIэ Афон Бгы ЛъапIэм щатхащ икIи 1874 гъэм члисэм тыгъэ хуащIащ. Члисэ зэхуэхьэсар зэхэкъута нэужь 1934 гъэм лъапIэныгъэр къалэм и члисэхэм ящыщ зым щахъумащ, 2014 гъэм гъатхэпэм и 9-м ар Псыхуабэ и члисэ нэхъыщхьэм яхьыжащ.