Архиепископ Феофилакт литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам

19.10.2020
Просмотры: 2019

2020 гъэм жэпуэгъуэм и 18-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и щоджэн нэхъыжь Устименкэ Филиппрэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэмрэ. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэм дэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм итхэм къеджа нэужь, Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Литургие нэужьым Щихънагъым дамыгъэ лъапIэр щоджэным иритащ.

2019
Фотогалерея