Сурэт щIынымкIэ сабийхэм я гъэлъэгъуэныгъэм фыкъыдогъэблагъэ

16.10.2020
Просмотры: 3090

Псыхуабэ и лъахэхутэ музейм мы махуэхэм щокIуэкI сурэт щIынымкIэ сабийхэм я «Святой войн православия» зэпеуэр, джыназ Невский Александр къызэралъхурэ илъэс 800, «Победа, дарованная Богом» гъэлъэгъуэныгъэр, ТекIуэныгъэ Иныр къызэрахьрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум я щIыхькIэ.

Музейм и гъусэу выставкэр къызэригъэпэщащ Псыхуабэ благочиниемрэ къалэм чристэн щэнхабзэмкIэ и егъэджакIуэхэм я методикэ зэгухьэныгъэмрэ. Экспозицэм хагъэхьащ Псыхуабэ члисэ округым и тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэмрэ къалэм и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я еджакIуэхэмрэ я лэжьыгъэхэр. ЕгъэджакIуэхэм, еджакIуэхэм, адэ-анэхэм я зэгъусэ лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ къагъэлъэгъуащ джыназым и гъащIэр, урыс чристэн зауэлIым сабийхэм я художественнэ творчествэм щиубыд увыпIэр.

ЕджакIуэхэм я лэжьыгъэхэр лъахэхутэ музейм утыку къыщрахьащ. Ахэр жэпуэгъуэм и кIэ пщIондэ ягъэлъэгъуэнущ. Гъэлъэгъуэныгъэм феплъыну фыкъыдогъэблагъэ!

3090
Фотогалерея