Гимназием и гъэсэнхэм зыхагъэгъуэзащ щихъ Тихон и ехъулIэныгъэхэм

09.10.2020
Просмотры: 2119

Мы махуэхэм Кисловодск и Чристэн Свято-Никольскэ классикэ гимназием члисэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и къудамэм дин зэхущытыкIэхэмкIэ и секретарь, Урысейм дин зэхущыткIэхэмкIэ и зэгухьэныгъэм и гъэзэщIакIуэ секретарь, богословиемкIэ кандидат, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат щоджэн Сафонов Димитрий.

Ахэр тепсэлъыхьащ патриарх Тихон и ехъулIэныгъэхэм. Щихъхэм я члисэ зэхуэхьэсам и Iэтащхьэм и гъащIэр иджри, Димитрий итхащ «Святитель Тихон, Патриарх Московской и всея Руси, и его время» монографиер.

Класс нэхъыжьхэм щеджэхэм яфIэгъэщIэгъуэн хъуащ патриарх Тихон и гъащIэр джыным теухуа Iуэху зэIумыбзхэр, щихъхэр зэрагъэлъапIэм, я теплъэм, Урысейм щаIыгъ увыпIэм теухуахэр. Димитрий къиIуэтэжахэмкIэ еджакIуэхэм къащIащ ди къэралым Тхьэм папщIэ щыIа зэпэщIэтыныгъэм ехьэлIа куэд, щихъ Тихон а зэман гугъум и фIэщхъуныгъэм зэрыщIэбэнар.

Гимназием и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн хьэщIэм фIыщIэ хуищIащ къиIуэтэжахэм щхьэкIэ икIи Димитрий тыгъэ хуищIащ Кисловодск теухуа тхылъ.

2119
Фотогалерея