Архиепископ Феофилакт Кременчуг-Констаннтиновскэ къуажэм гуфIэгъуэ зэхыхьэр щригъэкIуэкIащ

22.09.2020
Просмотры: 2363

2020 гъэм фокIадэм и 21-м, Тхьэм и Анэм и Хъуромэ махуэшхуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щригъэкIуэкIащ КъБР-м и Кременчуг-Константиновскэ къуажэм.

ТхьэлъэIу литургием хыхьэу Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и Налшык округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Овсянников Сергий, къардэн Копач Петр. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къуажэдэсхэр.

Щихънагъым зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ, екIуэлIапIэм кIуэхэм епсэлъащ.

2363
Фотогалерея