2020 гъэм фокIадэм и 20-м, Тхьэм и Анэм и Хъуромэм и пэ къихуэу, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ.
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэм щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къеджа нэужь Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.
А махуэм и пщыхьэщхьэм архиепископ Феофилакт махуэшхуэ тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам. Щихънагъым тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ, махуэшхуэ Инджылым къеджащ, екIуэлIапIэм къэкIуахэм гъэнэхуа дагъэр ящихуащ.