Архиепископ Феофилакт литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам

14.09.2020
Просмотры: 2056

2020 гъэм фокIадэм и 13-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэмахуэ пщыхьэщхьэ литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэм щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къыщыхьахэм къеджа нэужь Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ, литургие нэужьым Жорыр екIуэлIапIэм кIуэхэм я щхьэм лъигъэIэсащ.

2056
Фотогалерея