Архиепископ Феофилакт: «Мы махуэм щынэхъыщхьэр «упсэу» псалъэрауэ щытын хуейщ

14.09.2020
Просмотры: 2337

ФокIадэм и 12-м пщыхьэщхьэ щIыIэтыIэр ягъэхуэбащ Георгиевск и «EMPIRE BAND» поп-рок-кавер-гупымрэ Jazzmakers гупымрэ, щIыналъэм и джаз ансамбль нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщым. Абы къыпащащ псоми фIыуэ яцIыху икIи фIыуэ ялъагъу «Старые песни» гупым - къалэм щекIуэкI зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэм сыт щыгъуи хэтхэм: совет, хамэ къэрал шлягерхэм, 90 гъэхэм щыIа хитхэм дежьууащ утым кърихьэлIа псори. ИужькIэ махуэшхуэм и Iыхьэ нэхъыщхьэм и ужь ихьащ.

- Къалэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ илъэс 240-м. А илъэсхэм псыхуабэдэсхэм Псыхуабэ яухуащ – нобэ а къалэм зиужьыну, гъэгъэну дыхуохъуахъуэ, - жиIащ къалэм и Iэтащхьэ Ворошилов Дмитрий.

- Дэ дыщыпсэу щIыналъэм лъэпкъ куэд исщ, псори дызэмыщхьми мамырыгъэрэ зэгурыIуэрэ ди яку дэлъу дыздопсэу. Дэтхэнэ зыри псыхуабэдэсу дызэрыщытым папщIэ! – Кавказ Ищхъэрэ округым и къалащхьэ, псоми фIыуэ тлъагъу Псыхуабэ, уи махуэмкIэ сынохъуэхъу! – апхуэдэ псалъэхэмкIэ къалэм и юбилейм папщIэ хъуэхъуащ Къалэ Думэм и депутат Казаковэ Ольгэ. – Къалэхэр нэхъыбэрэ мэпсэу, цIыхухэм нэхърэ. ЦIыху мин бжыгъэхэр мы къалэ дахэм щыпсэуащ. Ар яухуащ, зэрагъэпэщащ, я щIыхьыр яIэтащ, яхъумащ. Нобэ дызэгъусэу ар дощIэ!

Псыхуабэдэсхэм захуигъэзащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт:

- Си гугъэмкIэ, мы махуэм нэхъыщхьэ щыхъун хуейр «упсэу» псалъэрщ. Зи нэIэм дыщIэт уафэм фIыщIэ хуэфащэщ. Тхьэм игъэлъэпIа ди щIыналъэм. къару къыдэзытым фIыщIэ хуэфащэщ. Ди ныбжьэгъухэми фIыщIэ яхуэфащэщ – дызэрыкъарууфIэм папщIэ. Ди адэ-анэхэм фIыщIэ яхуэфащэщ – фIылъагъуныгъэ зэрытхуэщIым щхьэкIэ. Ди къалэми фIыщIэ хуэфащэщ – абы и махуэр зэрыдгъэлъапIэм папщIэ!

ОпереттэмкIэ театрым и артистхэм ягъэхьэзыра «Тхыдэ блокым» къыщагъэлъэгъуащ къалэм къикIуа напэкIуэцI щхъуэкIэплъыкIэхэр. Псыхуабэ видеонэтынхэмкIэ зыхуагъэзащ артист цIэрыIуэхэм. Псыхуабэдэсхэм ехъуэхъуащ Слепаков Семен – и уэрэд цIэрыIуэмкIэ.

Программэм пащащ ирагъэблэгъа «вагъуэхэм». Махуэшхуэр зэхуащIыжащ хьэрыкIэтIэхэр драгъэлъэтейри.

2337
Фотогалерея