Кавказым и Минводы лэжьыгъэ IуэхукIэ щыкIуам Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфым кIуащ Урысей федеральнэ медико-биологие IуэхущIапIэм и унафэщI Скворцовэ Вероникэ.
Вероникэ къулъшырыфыр иригъэлъэгъуащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ, щоджэнархимандрит Феофилакт. Пастыр нэхъыщхьэм хьэщIэхэр хигъэгъуэзащ къулъшырыф музейм, къуэшхэм я гъащIэмрэ я лэжьыгъэмрэ къытеувыIащ. Къулъшырыфым щохьэщIэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр, социальнэ лэжьыгъэ ирегъэкIуэкI, чристэн щIалэгъуалэм ядоIэпыкъу.
Скворцовэ Вероникэ гуапэу епсэлъащ Щихънагъымрэ абы щыIэхэмрэ, къулъшырыфыр ефIэкIуэну ехъуэхъуащ, тхьэлъэIу зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэкIуэкIыну.