2020 гъэм фокIадэм и 10-м Бегъымбар Илья и махуэм ирихьэлIэу, Тхьэм и УмэхъакIуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм тхьэлъэIур драгъэкIуэкIащ къалэдэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. Щихънагъым тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ, махуэшхуэ Инджылым къеджащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм гъэнэхуа дагъэм щыщ ялъигъэIэсащ.
Махуэшхуэм, 2020 гъэм фокIадэм и 11-м архиепископ Феофилакт Иноземцевэ къуажэм и Предтечи члисэм тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Минераловодскэ члисэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексийрэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ я пашэу. Махуэшхуэм щызэхуэсащ къэзакъхэр, къуажэдэсхэр, Кавказым и Минводы и гъунэгъу къалэхэм щыщу щIыналъэ лъапIэ Тхьэ елъэIуну кIуахэр. Литургие нэужьым Щихънагъым зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ, Иоанн УмэхъакIуэм и щIыхькIэ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.