Кисловодск ягу къыщагъэкIыжащ терактым хэкIуэдахэр

04.09.2020
Просмотры: 2407

2020 гъэм фокIадэм и 3-м, терроризмым пэщIэтыным хухаха махуэм, Кисловодск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн нэхъыжь Чеканов Димитрий къыщыпсэлъащ Белый Уголь-Подкумок гъущIгъуэгу перегон теракт къыщыхъуам деж. ПэкIум хэтащ Кисловодск и Iэтащхьэ Курбатов Александр, къалэ Думэм и унафэщI Волошинэ Любовь.

Щоджэным Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и дэIэпыкъуныгъэ псалъэхэр лъигъэIэсащ икIи нэгъуэщIым тхьэмыщкIагъэ щихуэкIэ дэIэпыкъуну къыхуриджащ. Зэхыхьэм хэтхэм террорым и зэран зэкIахэр ягу къагъэкIыжащ зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуэри икIи фэеплъ жорым удз гъэгъахэр тралъхьащ.

ИужькIэ щоджэн нэхъыжь Чеканов Димитрий къардэн Тарабаев Николай щыщIалъхьэжа щIыпIэм деж тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ, 2003 гъэм дыгъэгъазэм мафIэгур къыщыуам хэкIуэдам. ТхьэлъэIум хэтащ кисловодскдэс хэкIуэдахэм я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ, къалэ-зыгъэпсэхупIэм и администрацэм и лIыкIуэхэр.

2407
Фотогалерея