Гимназием и гъэсэн тIощIым ядэIэпыкъуащ школым загъэхьэзырынымкIэ

16.08.2020
Просмотры: 2259

2020 гъэм шыщхьэуIум и 14-15-хэм екIуэкIащ «Сабийхэр школым кIуэжынымкIэ дадэвгъэIэпыкъу» Iуэхур. ПсапащIэр къызэригъэпэщащ МВД-м и Жылагъуэ Советым КъШР-м щиIэ къудамэм псапэ IуэхущIапIэ зыбжанэ и дэIэпыкъуэгъуу. ДэIэпыкъуныгъэ хуащIащ унагъуэ хуэмыщIахэмрэ бынунагъуэшхуэхэмрэ, Черкесск и Свято-Сергиевскэ гимназием и еджакIуэ тIощIи хыхьэу.

Сабийхэм школ, спорт фэилъхьэгъуэхэр, вакъэхэр, сумкэхэр къыхуащэхуащ. ЕджакIуэхэм я гъусащ гимназием чристэн щэнхабзэм и лъабжьэхэр щезыгъэдж щоджэн Гурин Александр. Сабийхэмрэ адэ-анэхэмрэ фIыщIэ хуащIащ Iуэхур къызэзыгъэпэщахэр къазэрыдэIэпыкъуам папщIэ.

2259
Фотогалерея