ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну Мэччэм и пIэкIэ Печоры кIуащ

08.08.2020
Просмотры: 2175

КъШР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм хьэж щIынымкIэ и къудамэм Мэччэм кIуэнымкIэ насыпырыхь джэгу къызэригъэпэщащ. Зэпеуэр Iыхьэ зыбжанэу зэщхьэщыхауэ ирагъэкIуэкIащ. Абы кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, япэ увыпIэр къылъысащ Ересько Юлэ. Зэхьэзэхуэм хэта куэд къигъэуIэбжьат чристэныр зэрытекIуам. КъызэрыщIэкIамкIэ, Юлэ зэпеуэм хыхьат и лэжьэгъу, Мэччэм кIуэну щIэхъуэпсыр къыщалъхуа махуэм саугъэт хуищIын папщIэ.

Епархием и «Кавказский паломник» IуэхущIапIэм Юлэ хуигъэлъэгъуащ Псков щIыналъэм и лъапIэныгъэхэм Тхьэ щелъэIуну кIуэну, урыс щIыналъэм и дахагъэр зригъэлъагъун, Псково-Печорскэ къулъшырыфым, Талабэ хытIыгум, ПшахъуэщIхэм, Смоленск, Задонск я лъапIэныгъэхэмрэ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ еплъын папщIэ.

- ДэркIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, - жиIащ епархием и IуэхущIапIэм и унафэщI Логвиненкэ Ларисэ, - республикэм щыпсэу чристэн щIалэгъуалэм, зи нэхъыбэр муслъымэным, я лъабжьэр зыщамыгъэгъупщэным.

«Кавказский паломник» IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ унафэ ящIащ Юлэ пщIэншэу абы ягъэкIуэну.

2175
Фотогалерея