Архиепископ Феофилакт хиротесие иригъэкIуэкIащ

26.07.2020
Просмотры: 2751

Бадзэуэгъуэм и 26-м 2020 гъэм Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсакм и щоджэнхэм. ТхьэлъэIум и пэ къихуэу Пастыр нэхъыщхьэм хиротесие къулыкъур хуищIащ Ставрополь духовнэ семинарием и студент Нестеренкэ Сергий. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къеджа нэужь, Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ, литургие нэужьым екIуэлIапIэм кIуэхэм я щхьэм жорыр ялъигъэIэсащ.

2751
Фотогалерея