Псыхуабэ и волонтёрхэм бадзэуэгъуэм щыщIэдзауэ къалэм и кхъэр – 1824 гъэм щыщIэдзауэ Кавказ Ищхъэрэм щыхъума хъуа япэ некрополым и Iэгъуэблагъэм пхъэнкIийхэмрэ кIэрыхубжьэрыхухэмрэ щызэщIакъуэ. Кхъэм щыщIалъхьэжащ Псыхуабэ щыпсэуахэмрэ къалэм и хьэщIэхэм ящыщхэмрэ. Апхуэдэхэщ дзэзешэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, дохутырхэр, щIэныгъэлIхэр, литераторхэр.
Кхъэр зэгъэпэщыжыным жыджэру хэтщ Псыхуабэ, Черкесск епархиер. 2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 18-м щэбэт щIыхьэхум щызэхуэсащ члисэм екIуалIэ щIалэ тIощI. ЩIыхьэхум хэтащ Псыхуабэ епархием и щIалэгъуалэ къудамэм и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия. Щоджэныр тепсэлъыхьащ проектым и къызэгъэпэщакIуэхэм я гъусэу дэIэпыкъуныгъэм щыщхэм, щIыхьэхум хэтхэм Iэлъэхэр, псы, дэлэн яритащ.