Архиепископ Феофилакт литургиер щригъэкIуэкIащ епархием и унэм и члисэм

14.07.2020
Просмотры: 2088

2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 14-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу лиутргие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и унэм и Иверскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур дригъэкIуэкIащ Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфым и благочиннэ иеромонах Елевферий (Казаков), къардэн Копач Пётр. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Псыхуабэ щыпсэухэр, епархием и управленэм и лэжьакIуэхэр. ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи екIуэлIапIэм кIуэхэм я щхьэм жор трищIащ.

2088
Фотогалерея