Жылагъуэ советым и зи чэзу зэхыхьэм и лэжьыгъэр иригъэжьащ

14.07.2020
Просмотры: 1969

2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 13-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт хэтащ Урысей МВД-м и ГУ-м КИФЩI-м щиIэ Жылагъуэ советым и япэ зэIущIэм и зэхыхьэм. Советым хэтхэм ящыщхэр видеоконференцсвязым и лэжьыгъэм хэтащ.

ЗэIущIэр къыщызэIуихым, округым и полицейхэм я унафэщI, полицэм и генерал-полковник Бачурин Сергей жылагъуэм фIыщIэ яхуищIащ полицэмрэ цIыхухэмрэ зэрызэдэлажьэм, жылагъуэ лэжьыгъэм гулъытэ зэрыхуащIымрэ зэман зэрыхухахымрэ папщIэ.

Зэхыхьэм хыхьэу, жылагъуэр тепсэлъыхьащ Iуэху зэIумыбзхэм, Советым и унафэщIыр хэхыным, абы и къуэдзэхэр, секретарыр къэгъэлъэгъуэным. Советым адэкIи и унафэщIу щытынущ Сикоев Сослан. Абы и къуэдзэу хахащ Чумаковэ Татьянэрэ Шыбзыхъуэ Татьянэрэ, секретарыр Сторожук Иринэщ.

КъищынэмыщIауэ, Жылагъуэ советым и регламентым тету, лэжьакIуэ гупитхум хагъэхьэнухэр къагъэлъэгъуащ. ЗэIущIэм хэтхэр тепсэлъыхьащ Советым и лэжьыгъэр 2020 гъэм и кIэ пщIондэ зыхуэдэнум.

1969
Фотогалерея