Архиепископ Феофилакт Урысейм и щихъхэм папщIэ Тхьэ елъэIуащ

21.06.2020
Просмотры: 2476

2020 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам, Урысейм и щихъхэм я тхьэмахуэм ирихьэлIэу. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Тхьэмахуэ махуэм Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэм щыпсэухэр. Литургие нэужьым Пастыр нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи екIуэлIапIэм кIуэхэм я щхьэхэм жор трищIащ.

2476
Фотогалерея