Зеленчукскэ районым и щоджэнхэр ирагъэблэгъащ лэжьакIуэ гупым я зэIущIэм

05.06.2020
Просмотры: 2372

2020 гъэм мэкъуауэгъуэм и 4-м КъШР-м и Зеленчукскэ станицэм щекIуэкIащ лэжьакIуэ гупымрэ Зеленчукскэ районым и щоджэнхэмрэ я зэIущIэ, коронавирус инфекцэм пэщIэтыным теухуауэ.

ЗэIущIэр щиухым цIыхухэм мыпхуэдэу зыхуагъэзащ:

ПщIэ зыхуэтщI Зеленчукскэ районым исхэ! Узыфэр нэхъыбэу щызэбгырыкI зэманым иджыпсту дитщ, 2019-nCoV коронавирус узыфэ зыпкъырытхэм я бжыгъэр махуэ къэс нэхъыбэ мэхъу! Аращи, къэблагъэ тхьэмахуэхэм фыкъыхудоджэ щхьэхуэ-щхьэхуэу зыфхъумэну! Ауэ зыгуэркIэ бгъэIэпхъуэ мыхъуну Iуэху фиIэмэ, фи унэм фыщIэкIмэ, нэкIуIупхъуэхэр зыIуфпхъуэ!

Псом япэу фи щхьэм фыхуэсакъ! Къабзагъэм фыкIэлъыплъ, фи Iэхэр нэхъыбэрэ фтхьэщI, сабын щIыгъуу, жылагъуэ щIыпIэхэм дистанцэр щыфIыгъ! Фи щхьэмрэ фи Iыхьлыхэмрэ фахуэсакъ! Дэтхэнэми узыншагъэрэ шыIэныгъэрэ фиIэну!»

Зэхыхьэм хэтащ районым и екIуэлIапIэхэм я унафэщIхэм Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений я пашэу.

2372
Фотогалерея