Черкесск Тхьэ щыхуелъэIуащ апостол пэлъытэхэу Кириллрэ Мефодийрэ

26.05.2020
Просмотры: 2826

Гъэ къэс, славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэм, Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащхьэм и члисэхэм щоджэнхэмрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ зэгъусэ тхьэлъэIу ирагъэкIуэкI славян узэщIакIуэхэм я фэеплъым нэс, Черкесск и ут нэхъыщхьэм и деж щагъэувам. Мы гъэм зэгъусэ тхьэлъэIур къызэрагъэпэщакъым, эпидемием и зэранкIэ, ауэ махуэшхуэ тхьэлъэIур ирагъэкIуэкIащ, санитарнэ хабзэхэм тету. Апостол пэлъытэ Кириллрэ Мефодийрэ папщIэ Тхьэ елъэIуащ КъШР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэхэр, Баталпашинскэ къалэ зэгухьэныгъэм и къэзакъхэм атаманыр я пашэу, «Русь» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщIыр яхэту. ТхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Гурин Александр. ТхьэлъэIу нэужьым абы хэтахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ фэеплъым.

2826
Фотогалерея