Архиепископ Феофилакт Бахъсэн къалэм щригъэкIуэкIащ адэ-анэхэм я щэбэт тхьэлъэIур

15.03.2020
Просмотры: 2483

2020 гъэм гъатхэпэм и 14-м, нэщI Иным япэу дунейм ехыжахэр ягу къыщагъэкIыж махуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ КъБР-м и Бахъсэн къалэм и Покров члисэм.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур щригъэкIуэкIащ Налшык члисэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Байзулаев Василий, Тырныауз къалэм и Георгиевскэ члисэм и щоджэн иеромонах Игорь (Васильев), къардэн Копач Пётр. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэм дэсхэмрэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэмрэ. Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм захуигъэзащ узэщIыныгъэкIэ. А махуэ дыдэм архиепископ Феофилакт Бахъсэн щаухуэ члисэм еплъащ икIи IущIащ къалэмрэ районымрэ я Iэтащхьэхэм. Члисэ ухуэныгъэм мылъку хелъхьэ Псыхуабэ епархием.

2483
Фотогалерея